Къру (лат-бз. Grus grus) — къру лъэпкъым щыщщ.
Къуалэбзу пӀащэщ, ч. 6-х нэс къешэч, и лъэгагъыр см. 115 хуэдизщ. Теплъэр щхъуэщ. ЩхьэщӀыбым ӀэпапӀэ плъыжьхэр хэсщ. Лъакъуэхэр фӀыцӀэщ.
Къаукъаз щӀыбым щогъуалъхьэ, я зыныкъуэхэми щӀымахуэр щрах. Ищхъэрэ Къаукъазым куэду щыболъагъу гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ бгылъэ, тафэ щӀыпӀэхэм. Кърур гуэурейщ, ауэ икӀи сакщ. Къэрал куэдым щопсэу. ЩӀымахуэр щрех Африкэм и ищхъэрэ щӀыпӀэхэм.
Ӏусым хохьэ къэкӀыгъэ, жылэ, мэракӀуэхэкӀ, апхуэдуи — хьэпщхупщ, хьэндыркъуакъуэ, блэ, дзыгъуэ.