Къуаргъкъащхъуэ (лат-бз. Coracias garrulus) — къуаргъэкъащхъуэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Щхьэри ныбэ щӀагъри къащхъуэщ, тхыцӀэмрэ дамащхьэмрэ гъуэщ, тхыцӀэм щыщ Ӏэхьэмрэ кӀащхьэмрэ морафэщ. Бжыхьэм зехъуэж: щхьэр гъуабжэ-удзыфэщ, тхыцӀэр гъуабжэ фӀейфэ мэхъу, я бгъэм ятӀагъуафэ къытолъадэ.
Щопсэу Еуропэм, Азиэм, Африкэм и ищхъэрэ-къухьэпӀэм. ЩӀымахуэр щрех Африкэм и ипщэ лъэныкъуэм. Ищхъэрэ Къаукъазым куэду уащыхуозэ губгъуэхэм, псыхъуэхэм, мэз лъапэхэм, жыг хадэхэм, паркхэм. ГупкӀэрэ къолъэтэж мэлыжьыхьым икухэм. Абгъуэ щащӀ нэпкъыщхьэ задэхэм, къуэхэм, зэзэмызэ — жыг гъуанэхэм. БжыхьэкӀэм мэлъэтэж.
Нэхъыбэу яшхыр псэущхьэщ: лъэгущӀэуэ, пкӀауэ, мацӀэ, цӀыв. Зэзэмызи шындырхъуо, хьэндыркъуакъуэ, дзыгъуэ жьгъейхэр. Бжыхьэпэм пхъащхьэмыщхьэ яшх, ауэ абыкӀэ зэран ин ирахкъым жыг хадэхэм.
Къуаргъкъащхъуэ (лат-бз. Coracias garrulus) — къуаргъэкъащхъуэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.