КӀукӀумяу (лат-бз. Athene noctua) — и цӀэджэгъу лъэпкъым хохьэ.
Теплъэр гъуабжэ-хужьыфэщ ӀэпапӀэхэр хэсу. Нэхэм я къэухьыр, кӀэ щӀагъыр, ныбэ щӀагъыр — хужьщ.
ЩӀыӀэ дыдэ здэмыхъу щӀыпӀэ псоми щыӀэщ. Лъэтэжкъым. Абгъуэ имыщӀу щогъуалъхьэ нэпкъ задэхэм, гуэнэщ ябгынэжахэм. Моногамнэщ — анэмрэ хъумрэ сыт щыгъуи зэгъусэщ. Къаукъазым деж гъатхэпэ мазэм икӀэм кӀэцӀын яух. Анэм изакъуэ къыреш. ЩакӀуэн щаублэр пшапэр зэхэуа иужькӀэщ.
Ӏусым хохьэ дзыгъуэ, шындырхъуо, къуалэбзу, хьэпщхупщ, гъудэбадзэ.
КӀукӀумяухэм яхуэмыфащу адыгэхэми, нэгъуэщӀ лъэпкъхэми фэжагъуэ ираплъ. Къалъытэ, псалъэм папщӀэ, ар зи унащхьэ тетӀысхьэу къуажэм и унагъуэм нэщхъеягъуэ къыщыхъуну. Брэм А. етх «Йомыгъэлейуэ жыпӀэ хъунущ цӀыхур кӀукӀумяум нэхъ щышынэу, кӀукӀумяур езым къызэрыщышынэм нэхърэ. ЩӀыпӀэ куэдым мы къуалэбзу удэзыхьэхым насыпыншагъэ къихьу ялъытэ. Ауэ Ипщэ Еуропэм ар фӀыуэ къыщалъагъу, Аустрэм деж абы куэдрэ ирощакӀуэ, икӀи зэрыжаӀэщи, хуабжьу йохъулӀэхэр.»[1]
Удыгъэмрэ губзыгъагъэмрэ я дэмыгъэщ.