ЖьыкъанфӀыцӀэ (лат-бз. Ficedula semitorquata) — жьыкъан лъэпкъым щыщщ, жьыкъанкъуэлэн лъэпкъыгъуэм хыхьу.
Анэм и тхыцӀэр, щхьэщыгур щхъуэ-гъуэжьыфэщ, кӀащхьэр щхъуафэщ, жьэгъур хужь-гъуэжьыфэщ, ныбэ щӀагъыр хужьщ. Хъухэм я щхьэр, тхыцӀэр фӀыцӀэщ, е гъуабжэ-фӀыцӀафэщ.
Щопсэу Къаукъазым и къущхьэхъу мэзхэм, Тебэрды, Къаукъах къуэдмэзхэм, Щачэ и Ӏэгъуэблагъуэм, атӀанэ — Азиэ ЦӀыкӀум, Къажэрым, нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэми.