dcsimg

Бад ( Kabardian Circassian )

provided by wikipedia emerging languages

Бад (лат-бз. Cistus creticus) — гъурц лӀэужьыгъуэщ.

Теплъэр

И лъэгагъыр см 40-60-м нос. Бадым и тхьэмпэхэр хъурей-кӀыхьхэщ. Гъатхэм гъэгъа пшэплъыфэхэр см 2 я инагъу къыпедзэ. Гъурцым и пкъхэр занщӀэу докӀей, лъабжьэшхуэ ещӀ.

КъыздэкӀыр

Нэхъыбэу къыщокӀ мэз лъапэхэм, джабэхэм, гуэрэну зэхэту ухуозэ.

Къэгъэщхьэпэгъуэр

КъэкӀыгъэм и дэхагъэм папщӀэ паркхэм щагъэкӀ.

Тхылъхэр

Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.

license
cc-by-sa-3.0
copyright
Wikipedia authors and editors