Жьэдзыуэхэр (лат-бз. Pelecanus) — лъэхьэнцэ хэкӀыгъуэм и нэхъ пӀащэщ.
Къуалэбзухэм ящыщу нэхъ «зэхуэмыфӀэ-зэфӀэӀуащ» жыпӀэмэ ухэукъуэнкъым: пкъы уэндэгъухэщ, дамэхэр абрагъуэщ, лъэ кӀэщӀхэщ, пэ, пщэ кӀыхьхэщ, пэ щӀагъым къыщӀэтщ цыншэ фэ къэп (дзыо). Псым бэуэ хэсми зыщӀагъэмбырыуэкъым, щӀым хуиту щызокӀуэ, фӀыуэ мэлъатэхэр. Анэмрэ хъумрэ я гъащӀэ псом зэгъусэщ. Шырхэр цы ятемыту, нэхэр къэмыплъауэ джэдыкӀэм къопщ. Лъэтэф щыхъур я ныбжьыр махуэ 70-75 нэсмэ.
Жьэдзыуэ лъэпкъыр зэрыхъур зы лъэпкъыгъуэщ, лӀэужьыгъуэу 8 хохьэр:
ЗдэщыӀэр щӀыпӀэ хуабэщ, я гъащӀэр быдэу хым, псыӀу инхэм, хыкъумхэм, бдзэжьей бэуэ здыхэсхэм, япхауэ.
Жьэдзыуэхэр (лат-бз. Pelecanus) — лъэхьэнцэ хэкӀыгъуэм и нэхъ пӀащэщ.
Къуалэбзухэм ящыщу нэхъ «зэхуэмыфӀэ-зэфӀэӀуащ» жыпӀэмэ ухэукъуэнкъым: пкъы уэндэгъухэщ, дамэхэр абрагъуэщ, лъэ кӀэщӀхэщ, пэ, пщэ кӀыхьхэщ, пэ щӀагъым къыщӀэтщ цыншэ фэ къэп (дзыо). Псым бэуэ хэсми зыщӀагъэмбырыуэкъым, щӀым хуиту щызокӀуэ, фӀыуэ мэлъатэхэр. Анэмрэ хъумрэ я гъащӀэ псом зэгъусэщ. Шырхэр цы ятемыту, нэхэр къэмыплъауэ джэдыкӀэм къопщ. Лъэтэф щыхъур я ныбжьыр махуэ 70-75 нэсмэ.
Жьэдзыуэ лъэпкъыр зэрыхъур зы лъэпкъыгъуэщ, лӀэужьыгъуэу 8 хохьэр:
Жьэдзыуэ Жьэдзыуэин ЖьэдзыуэцӀыкӀу Жьэдзыуэщхъуэ Pelecanus erythrorhynchos Pelecanus conspicillatus Pelecanus rufescens Pelecanus thagusЗдэщыӀэр щӀыпӀэ хуабэщ, я гъащӀэр быдэу хым, псыӀу инхэм, хыкъумхэм, бдзэжьей бэуэ здыхэсхэм, япхауэ.