dcsimg

Жьэдзыуэин ( Kabardian Circassian )

provided by wikipedia emerging languages
 src=
Pelecanus crispus

Жьэдзыуэин (лат-бз. Pelecanus crispus) — жьэдзыуэ лъэпкъым и нэхъ пӀащэщ, зазубгъуащ, бжыгъэкӀи тӀэкӀу нэхъыбэщ.

Дамэ укъуэдияхэр м. 2 нос, къешэч ч. 12-13. ТеплъэкӀэ гу лъыптэу къыщхьэщокӀ жьэдзыуэм: абы плъыфэ щӀэткъым, щхьэми пщащхьэми цы кӀыхь утӀэрэзахэр ятетщ.

Урысейм деж щогъуалъхьэ Хы ФӀыцӀэ, Хы МыутӀэ, Хы Каспий я псы хэлъэдапӀэхэм, апхуэдэуи — Еуропэм, Курыт Азиэм, Къаукъаз ЩӀыбым я хыкъумышхуэ Ӏуфэхэм. ЩӀымахуэр щырах Хы Каспийм и ипщэ Ӏуфэхэм, нэхъыбэм Азиэм, Ищхъэрэ Африкэм я щӀыпӀэ щхьэхухэм.

Тхылъхэр

  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.
license
cc-by-sa-3.0
copyright
Wikipedia authors and editors

Жьэдзыуэин: Brief Summary ( Kabardian Circassian )

provided by wikipedia emerging languages
 src= Pelecanus crispus