dcsimg

Дэшхуей ( Kabardian Circassian )

provided by wikipedia emerging languages

Дей (лат-бз.: Juglans regia, ур-бз.: Орех грецкий) — жыг дэхэм ящыщ къэкӀыгъэ.

Сурэтыр

ИпӀкъым фэ псыфэ телъ, хуэзанкӀыу, мы зэгуэудауэ, икъудамэхэр фӀыуэ зэкӀэкӀыу пкӀашъэ ин ешъри, жыгышхуэ мэхъур.

Тхьампэхэр бжыгъу зэхэтхэ, 4, 6 иэ 8-уэ пытхэ, езы тхьампэхэр инкъым мм. 40-70 мэхъухэ, хуэпсыгъуэ-кӀыхьу, жыгыр щыгъагъэм иде къотӀэпӀхэ.

Езы дэхэм фэ Ӏув ятелъ, кумкӀэр быду щыт. Щыхъухэм идежь, фэр мэгъу, тӀууэ зэгуочыри езэр-езыру дэм къыкӀэрокӀыр.

Ӏашъагъэм

Пэсырей лъэхъэнэхэм къыщыкӀэдзауэ дейр Ӏарысэ ящын кӀадзат, яужкӀэ бжыгъэ зэщымыщу къыхагъэкӀауэ. ЗэрзэшъхьащыкӀхэр я тхьампэхэмкӀэ, къудамэхэр зэрыкӀымкӀэ, кумкӀэм ибыдагъымкӀэ...

Жыгым ипхъэр ӀашъагъэмкӀэ кӀасэ мэхъу, фӀыуэ къалъытэ.

Езы дэхэр шхыным куэду макӀуэ, халъхьа, дагъэфӀы къыхашъыкӀыр нэхъыфӀхэм ящыщу къалъыту (ауэ кӀэху мэкӀуэд, кудрэ яӀыгъыфкъым)

Сурэтылъэ

license
cc-by-sa-3.0
copyright
Wikipedia authors and editors