Псыджэд (лат-бз. Fulica atra) — мэкъупӀэджэд лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Бабыщ курыт хуэдиз хъунщ. Теплъэр щхъуэ-фӀыцӀафэщ, натӀэхущ. Пэхущ, лъакъуэ щхъуэ-удзыфэщ. Анэхэм нэхъ хужьыфэ къащӀоуэ.
Урысейм къинэмыщӀа хэку куэдым щыӀэ. Псы фӀыуэ ялъагъу, къыщыхэкӀыр зэзэмызэ дыдэщ. Щышхэну, щыгъуэлъхьэну нэхъ къыхах псы инахэм я гъунэ гъурц Ӏувхэр, къамылылъэхэр. Абгъуэр щаухуэ псы гущӀыӀум.
Ӏус нэхъыщхьэр псы удзхэмрэ абыхэм я жылэмрэщ: ӀутӀанэ, къамыл, бгъэн, хьэндыркъуакъуэ кӀэнтхъ, н.къ.; псы хьэпщхупщхэр, абыхэм я хупсхэр.