dcsimg

Къазплъыфэ ( Kabardian Circassian )

provided by wikipedia emerging languages
 src=
Tadorna ferruginea

Къазплъы́фэ (лат-бз. Tadorna ferruginea) — бабыщ лъэпкъым щыщщ, къазкъуэлэным и «Ӏыхьлы» гъунэгъущ., я инагъкӀи зэрзэщхьэщыкӀ щӀагъуэ щыӀэкъым.

Теплъэр гъуэплъыфэщ, щхьэр нэхъ хужьщ, хъум и пщэм кусэ Ӏузэ фӀыцӀэ къокӀуэкӀ, дамакӀэхэмрэ кӀэмрэ фӀыцӀэщ, дамэхэм удзыфэ Ӏыхьэ мащӀэ яхэлъ. Щогъуалъхьэ Хы Курытым и Ӏэгъуэблагъуэм къыщыщӀэдзауэ КъухьэпӀэ Жыжьэм нэгъунэ. Къаукъазым деж уащыпэщӀэхуэнущ Хы ФӀыцӀэм, тафэ хыкъумхэм я Ӏуфэхэм.

Абгъуэ ещӀ уашхэ, бажэ, нэгъуэщӀ псэущхьэхэм я гъуэ бгынэжа, нэпкъ бгъуэнщӀагъ, цӀыхум и псэуалъэу щытахэм. Здэшхэр и нэхъыбэм щӀыщхьэфэм деж.

Ӏусыр удз жылэ, къэкӀыгъэ, гъудэбадзэ, псы псэущхьэ жьгъейхэрщ. ЩӀымахуэр щырех Хы Курытым и гъунэхэм, Ищхъэрэ Африкэм, Азиэм и ипщэ лъэныкъуэхэм.

Къазплъыфэм и шырхэр щӀэх цӀыхум йосэ, пщӀантӀэм къыщыбгъэхъуфынущ. Къаукъазыкум щыгъуалъхьэ къазплъыфэхэм я нэхъыбэр бжьыхьэм Хы Курыт лъэныкъуэм мэлъэтэж, ауэ щӀымахуэр щрахыну къани къахокӀ. Абыхэм Ӏус щагъуэт псыӀуфэ мыщтхэм.

Тхылъхэр

  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.
license
cc-by-sa-3.0
copyright
Wikipedia authors and editors

Къазплъыфэ: Brief Summary ( Kabardian Circassian )

provided by wikipedia emerging languages
 src= Tadorna ferruginea