dcsimg

ЖьындуцӀыкӀу ( Kabardian Circassian )

provided by wikipedia emerging languages

ЖьындуцӀыкӀу (лат-бз. Otus scops) — кӀукӀумяу лӀэужьыгъуэщ.

Теплъэр

И теплъэкӀэ щхъуэ-гъуабжэщ, кусэ жьгъейхэр хэсу. Ныбэ щӀагъым нэхъ хужьыфэ къыщӀэуэу. И кӀыхьагъыр см. 15-20 нос.

Здэпсэухэр

Щопсэу Еуропэм, Ищхъэрэ-КъухьэпӀэ Африкэм, Ипщэ-КъухьэпӀэ Азиэм, Урысейм и нэхъыбэкӀэ Къаукъазым. Абгъуэ ищӀкъым, щокӀэцӀ жыг гъуанэхэм, адрей къуалэбзухэм ябгынэжа абгъуэхэм, дурэшхэм, нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэми.

Ди щӀыпӀэхэм къыщылъэтэжыр мэлыжьыхьым ипэхэм, щылъэтэжыр жэпуэгъуэм и кӀэхэращ.

Ӏусыр

Ӏусыр гъудэбадзэ, цӀыв, хьэндырабгъуэ, къуалэбзу, дзыгъуэ жьгъейхэрщ.

Тхылъхэр

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.
license
cc-by-sa-3.0
copyright
Wikipedia authors and editors