Анджырэ́ф (лат-бз. Sorghum) — хьэцэпэцэ къэкӀыгъэщ зи лӀэужьыгъуэхэрзы гъэкӀи, гъэ бжыгъэкӀи къэкӀ.
Я теплъэкӀэ нартыхум ещхьхэщ, лабжьэшхуэ ящӀ, м. 2-2,5-рэм нэс екӀыху. Я пкъыр занщӀэу докӀей, м. 4-7-м нэсу. Анджырэфыр фӀыуэ къыщокӀ нартыхур зыщыбагъуэ щӀыпӀэхэм, хуабапӀэхэм, уэшх щымащӀэхэм. Абы къыхэкӀыуи ахэр хэгъуэгу бжыгъэм къыщагъэкӀ. Иужьрей илъэсхэм анджырэфым зыщиубыдащ Ищхъэрэ Къаукъазым и губгъуэхэм. Силосыпхъэу къагъэкӀ нартыхум дэпщӀыгъумэ, и бэвагъым хохъуэ, мэкъумылэм и къэуатри къеӀэт.